Реферат: Х. М. Бербекова таов Х. Т., Езаова м. Ю., Хежева м. Р. Лингвистический анализ художественного текста ( на материалах романа т. Керашева «одинокий всадник») Учебно-методические рекомендации



КАБАРДИНО-БАЛКАРСКИЙ ГОСУДАРСТВЕННЫЙ УНИВЕРСИТЕТ

им. Х.М. БЕРБЕКОВА


Таов Х.Т., ЕЗАОВА М.Ю., ХЕЖЕВА М.Р.


ЛИНГВИСТИЧЕСКИЙ АНАЛИЗ ХУДОЖЕСТВЕННОГО ТЕКСТА

( НА МАТЕРИАЛАХ РОМАНА Т.КЕРАШЕВА « ОДИНОКИЙ ВСАДНИК»)


Учебно-методические рекомендации для студентов кабардинского отделения


НАЛЬЧИК 2010

УДК 81`2(075.3)

ББК- 5*81.2я73

Л 59


Рецензент:

кандидат филологических наук, зав. сектором кабардинского языка Педагогического Колледжа КБГУ

Т.М.Танашева


В работе рассматриваются особенности лингвистического анализа текста. Акцент ставится на ключевые моменты, которые непременно выделяются при языковом разборе художественных произведений.

Результаты исследования имеют прикладной характер и могут быть использованы в практике вузовского преподавания: при чтении курсов по современному родному языку, спецкурсов по когнитивной лингвистике, этнолингвистике.

Предназначено для студентов, обучающихся по специальности «Кабардинский язык и литература».


^ БЭРБЭЧ ХЬ. И Ц1ЭР ЗЕЗЫХЬЭ КЪЭБЭРДЕЙ-БАЛЪКЪЭР КЪЭРАЛ УНИВЕРСИТЕТ

ФИЛОЛОГИЕМК1Э ИНСТИТУТ

АДЫГЭБЗЭМК1Э КАФЕДРЭ


ТЕКСТЫР БЗЭ И ЛЪЭНЫКЪУЭК1Э ЗЭРЫЗЭПКЪРЫХЫПХЪЭМ ЕХЬЭЛ1А МЕТОДИЧЕСКЭ ЧЭНДЖЭЩХЭР

^ (К1ЭРАШЭ ТЕМБОТ И «ШУ ЗАКЪУЭ» РОМАНЫМ И БЗЭМ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬК1ЭРЭ)


Псалъащхьэхэр


Хэзыгъэгъуазэ ……………………………………………………….. 4


Япэ Iыхьэ. Художественнэ текстым лексикэ и лъэныкъуэкIэ хэлъ щхьэхуэныгъэхэр.

Жьы хъуа псалъэхэр………………………………………………… .7

НэгъуэщIыбзэм къыхэкIа псалъэхэр……………………………….. 14

Синонимхэр……………………………………………………………26

Антонимхэр…………………………………………………………...32


ЕтIуанэ Iыхьэ. Художественнэ-изобразительнэ Iэмалхэр тхакIуэм къызэригъэсэбэпыр.

Метафорэ……………………………………………………………….41

Зэгъэпщэныгъэхэр……………………………………………………..48

Фразеологизмхэр……………………………………………………....55

Псалъэжьхэр, псалъэ шэрыуэхэр…………………………………….64


Ещанэ Iыхьэ. ЩыIэцIэ унейхэм текстым щаубыд увыпIэр.

Антропонимхэр………………………………………………………69

Топонимхэр…………………………………………………………...74

Гидронимхэр………………………………………………………….78


КIэух псалъэ ……………………………………………………………..80

Къэгъэсэбэпа литетатурэр ……………………………………………..81


Хэзыгъэгъуазэ


Лъэпкъыр сыт щыгъуи ирогушхуэ тхакIуэм и гуащIэм. Псом хуэмыдэжу инщ литературэм и зыхэублакIуэхэм я щIыхьыр. Адыгэхэм я дежкIэ апхуэдэ тхакIуэщ КIэрашэ Тембот. Адыгэ тхыбзэм и япэ лъэбакъуэхэр щича махуэм къыщожьэ КIэрашэм и литературнэ лэжьыгъэр. ЛIы ныбжь гъуэгуанэ и нэгу щIэкIащ КIэрашэм и къалэмым. А къалэмым игъэбэтащ къэрал псом щыцIэрыIуэ «Шу закъуэ» романыр. КIэрашэ Тембот и творческэ гъуэгуанэр лъэпкъ литературэм и тхыдэм лъабжьэ хуэхъуащ. Мы лэжьыгъэр КIэрашэм и «Шу закъуэ» романым бзэ и лъэныкъуэкIэ хэлъ щхьэхуэныгъэхэр къэзыхутэ, зэпкъырызых тхыгъэщ.

Мы диплом лэжьыгъэ ттхын щыщIэдзэм мурад тщIащ КIэрашэ Тембот итха «Шу закъуэ» романым и бзэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэм дытепсэлъыхьыну, тхакIуэм бгъэдэлъ Iэзагъэр дгъэбелджылыну. Абы и романым дызыщыхуэзэ фразеологизмхэр, псалъэжьхэр, антонимхэр, синонимхэр къыхэдгъэкIыну, ономастикэм романым щиубыд увыпIэр дгъэбелджылыну.

АбыкIэ къалэну зыхуэдгъэувыжащ «Шу закъуэ» романым жьы хъуа псалъэу хэтыр къыхэтхыкIын, нэгъуэщIыбзэм къыхэкIа псалъэу романым хэтыр къэхутэн, ахэр зыщыщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, къызыхэкIа бзэхэр гъэбелджылын, псалъэжьхэмкIэ «Шу закъуэ» романыр зэрыкъулейр къэIуэтэн, псоми тщIэуэ щыт псалъэжьхэм нэмыщI романым езы КIэрашэм къигъэщIа псалъэжь куэд дыдэ зэрыхэтыр къыхэгъэкIын.

^ Темэр къыщIыхэтхам щхьэусыгъуэ хуэхъуащ КIэрашэ Тембот и къалэмыпэ къыщIэкIа дэтхэнэ зы тхыгъэри бзэ шэрыуэкIэ, бзэ къулейкIэ зэрытхар, «Шу закъуэ» романри а ц1ыху гъуэзэджэм и тхыгъэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытри. ИщхьэкIэ зэрыжытIащи, мы романым и бзэр икъукIэ шэрыуэщ. ТхакIуэм бгъэдэлъ художественнэ Iэзагъым щыхьэт техъуэу романым икъукIэ куэд дыдэу хэтщ фразеологизмхэр. Дэ зэрытщIэщи, фразеологизмхэм образ къэгъэщIынымкIэ мыхьэнэшхуэ яIэу щытщ. Куэду хэтщ гум имыхужын метафорэхэмрэ зэгъэпщэныгъэхэмрэ. Мы художественнэ-изобразительнэ Iэмалхэми тхыгъэм и бзэр дахэ ящI, езы тхакIуэр къигъэщIа образхэм зэрахущытыр къыдгурегъаIуэ.Романыр зэрытха бзэр пщымыгъупщэжын ящI тхыгъэм жьы хъуа псалъэ куэд дыдэ зэрыхэтми. Ахэр псори гъуазэ тхуэхъуащ темэр къыщыхэтхым.

^ Лэжьыгъэр тхынымкIэ хэкIыпIэ хъуащ «Шу закъуэ» романым и текстыр; адыгэбзэм и фразеологием ехьэлIауэ щыIэ лэжьыгъэхэр; щыIэцIэ унейхэм, нэгъуэщIу жыпIэмэ, ономастикэм ехьэлIауэ щыIэ лэжьыгъэхэр; лексикэм (жьы хъуа псалъэхэм, нэгъуэщIыбзэм къыхэкIа псалъэхэм) теухуауэ щыIэ къхутэныгъэхэр – дэтхэнэ къэдгъэсэбэпа лэжьыгъэри дипломым и к1эм деж къыщыгъэлэгъуауэ щытынущ.

^ Диплом лэжьыгъэм и мыхьэнэр. ИкъукIэ гъэщIэгъуэнщ икIи телъыджэщ художественнэ тхыгъэм бзэ и лъэныкъуэкIэ укIэлъыплъыну. НэхъапэкIэ сыт хуэдэ литературнэ тхыгъэ деджауэ щымытми, бзэ и лъэныкъуэкIэ дыкIэлъыплътэкъым. ГъэщIэгъуэнщ укIэлъыплъыну тхакIуэм зы псалъэухам кIуэцIкIэ синонимхэр, антонимхэр екIуу, IэкIуэлъакIуэу къызэрыщигъэсэбэпыр, гуры1уэгъуэщ тхак1уэр нэхъ 1эзэху къигъэсэбэп 1эмалхэри зэрынэхъыбэр, абы и бзэр нэхъ къулейуэ зэрыщытыр. ТхакIуэр зыхуеину псалъэхэр IэкIуэлъакIуэу бзэм къыхихыныр, ахэр Iэзагъ хэлъу ди пащхьэм кърилъхьэныр абы и къалэн нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зыщ, ауэ жы1эпхъэщ тхак1уэу зыкъэзылъытэж дэтхэнэ зыми а къалэныр къызэремыхъул1эр.

ЗэрытщIэщи, «Шу закъуэ» романым къыщыгъэлъэгъуэжар пасэ зэманырщ, икIи а къигъэлъэгъуэж зэманым и нэпкъыжьэ телъ щIыкIэу тхыгъэм жьы хъуа псалъэ куэд зэрыхэтми, образхэр къыщигъэщIкIэ къигъэсэбэп художественнэ-изобразительнэ Iэмалхэми романым и бзэр гукъинэж ящI, тхыгъэм хэт лIыхъужьхэр зыхэпсэукI лъэхъэнэм дэри дыхэпсэукI хуэдэу къытфIегъэщI.

Романым дыкъыщеджэкIэ наIуэ мэхъу, тхакIуэм художественнэ-изобразительнэ Iэмалхэр нэхъыбэу къыщигъэсэбэпыр тхыгъэм хэт лIыхъужь гуэрым и теплъэ дыщигъэлъагъум и деж, е дунейм, природэм и щытыкIэ гуэр ди нэгу къыщыщIигъэувэм и деж зэрыщытыр. ГъэщIэгъуэнщ абы ехьэлIауэ дунейм къэхъукъащIэхэр, зэгъэпщэныгъэ дахэхэр къигъэсэбэпурэ ди нэгу къызэрыщIигъэувэр. Художественнэ-изобразительнэ Iэмалхэр къигъэсэбэпкIэрэ тхакIуэм хузэфIокI махуэ къэс тлъагъу Iуэхугъуэ къызэрыгуэкIэхэм нэгъуэщIынэкIэ дригъэплъыну. Псалъэм папщIэ, гъэщIэгъуэнщ романым и пэ дыдэхэм деж Зэлыкъуэ Ерстэм и цеикIэр щынэ зыхь бгъэм и дамэм зэрыригъарпщэр. Абы ди нэгу къыщIегъыхьэ зауэлI-зекIуэлIым и шыфэлIыфэр. Телъыджэщ ЕмылIыкъуэ Хьэту и образыр къыщигъэлъагъуэкIэ къигъэсэбэп метафорэхэр.

Уэркъхэмрэ пщылIхэмрэ я зэхущытыкIэр къигъэлъэгъуэн папщIэ зэгъэпщэныгъэ къигъэсэбэпами, абыхэм я хьэл-щэни, я дуней тетыкIэри IупщIу къигъэлъэгъуэн хузэфIокI тхакIуэм. Псалъэм папщIэ: цIыхул яшхыным хуэдэу гъэпсащ. Зы художественнэ тхыгъи щыIэу къыщIэкIынукъым псалъэжьхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ куэд дыдэу хэмыту. Псалъэжьхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ художественнэ тхыгъэм мыхьэнэшхуэ щагъэзащIэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ахэр лъэпкъ Iущыгъэщ, фIы и лъэныкъуэкIэ цIыхум и гупсысэм зиужьынымкIэ къалэнышхуэ ягъэзащIэу щытщ. Абы и щыхьэтщ мы романым къыхэттхыкIауэ и лъабжьэкIэ къыщытхьыну псалъэжьхэр. Псоми тщIэуэ щыт псалъэжьхэм нэмыщI мы романым куэд дыдэу хэтщ езы КIэрашэм къигъэщIа псалъэжьхэри.

^ Лэжьыгъэр къыщыбгъэсэбэп хъунур. Мы тхыгъэм бзэ и лъэныкъуэкIэ щхьэхуэныгъэ куэд дыдэ хэлъу щытщ. Псом хуэмыдэу куэду романым хэтщ нэгъуэщIыбзэм къыхэкIа псалъэхэр (нэхъыбэу хьэрыпыбзэм). МымащIэу хэтщ антонимхэри, жьы хъуа псалъэхэри, абы къыхэкIкIэ, еджакIуэхэр «лексикэ» разделым щелэжькIэ дэIэпыкъуэгъу хъунущ. Абы къыкIэлъыкIуэу, фразеологиеми увыпIэшхуэ щиубыду щытщ романым. Псалъэжьхэр фразеологие разделым хэгъыхьэн, хэмыгъэхьэн елъытакIэ щыIэ IуэхуеплъыкIэхэр къыщыгъэлъэгъуауэ щытщ ди диплом лэжьыгъэм. Дыщогугъ ди лэжьыгъэр бзэр езыгъаджэ, зыдж дэтхэнэми сэбэп хуэхъун хуэдэу тхуэухуэну.


^ Япэ Iыхьэ.

Художественнэ текстым

лексикэ и лъэныкъуэкIэ иIэ щхьэхуэныгъэхэр


Жьы хъуа псалъэхэр


Адыгэбзэм и лексикэм мымащIэу хэтщ жьы хъуа псалъэхэр. Апхуэдэ псалъэхэм къагъэлъагъуэу щыта хьэпшыпыр зыхуэмеиж зэрыхъуам, е предметым нэгъуэщI фIэщыгъэцIэ зэригъуэтам къыхэкIыу щытщ псалъэр жьы хъуныр. Жьы хъуа псалъэхэр егуэшыж историзмхэрэ архаизму.

Архаизмхэр – ар жьы хъуа псалъэщ, а псалъэм къигъэлъагъуэу щыта предметым нэгъуэщI фIэщыгъэцIэ игъуэтауэ зэрыщытым къыхэкIкIэ бзэм къимыгъэсэбэпыжу. ЗэрытщIэщи, архаизмхэм иджыкIэ дрихьэлIэу щыткъым.

Историзмхэр архаизмхэм къыщхьэщокI – ахэр зы зэман пыухыкIам къагъэсэбэпауэ тхыдэм хэтлъэгъуэжу щытщ, ауэ ди зэманым езы псалъэхэри абыхэм къагъэлъагъуэ предметхэхри къэдгъэсэбэпыжу щыткъым.

Архаизмхэр бзэм къыхыхьа псалъэхэм синоним хуэхъуу щытщ, икIи абы къыхэкIкIэ, синонимхэм я псалъалъэхэм дыщыхуэзэнущ.

Историзмхэм псалъэхэм хэдгъыхьэ хъунущ афэ «кольчуга», мэIуху «щит», дохъутей «войлочный чехол для ружья», лIыщIэ «батрак» жыхуэтIэ псалъэхэр. Жьы хъуа псалъэхэр, махуэ къэс дызэрыпсалъэ бзэм къыщыдгъэсэбэпу щымытми, художественнэ тхыгъэхэм куэд дыдэу дащыхуозэ.

Совет властыр ува иужькIэ псалъэщIэу бзэм къыхыхьар иджыкIэ жьы хъуа псалъэхэм (историзмхэм) хэбгъыхьэ хъунущ. Псалъэм папщIэ: райком, райсовет, генсек.

КIэрашэ Тембот и «Шу закъуэ» романым жьы хъуа псалъэ куэд дыдэ хэту щытщ, сыту жыпIэмэ, романым къыхэщыжыр пасэ зэманыращ. Мы романым къыщыкIуэ историзмхэмрэ архаизмхэмрэ алфавиткIэ зэкIэлъыхьауэ и лъабжьэкIэ къыщыдохь, романым дыщрихьэл1э напэк1уэц1ри дэщ1ыгъуу.


Абэ [6] КъуэкIыпIэ лъэныкъуэм щызэрахьэу ялъэгъуа цIыхухъу щыгъын лIэужьыгъуэр, абэр, езыхэр зэрыхуейм елъытауэ ягъэпсыжащ – бгымрэ пкъымрэ къызэщIиубыдэу, шум дежкIи кIэ зэхэуэ быхъуу – цейр къыхащIыкIащ. /Верхняя одежда в виде ризы у мусульманских священнослужителей / Теубгъуа щIыкIэу муслъымэн дин лэжьакIуэхэм ящыгъыу щыта щыгъын щIыIутелъ/.

^ Афэ джанэ [199] (ист.) Япэ ита шу заулым я абэ щIагъ афэ джанэ щIэлъауэ къыщIэкIынущ, я пкъым сэшхуэр щыхэмызагъэм, я пщэ – жэпкъ щIагъ сепыджу сыублащ. /Кольчуга / Жыр тхьэгъу цIыкIуурэ зэрылъу щIа джанэ /.

^ Бейгуэл [74] (ист.) (тюрк.) Аракъэ зэрыхъур: пщымрэ уэркъымрэ ящыгугъыу къадеущэкIыр, шу гъусэ пэлъытэу бейгуэл IэнатIэм Iуувэр езыр зыщыщ лъхукъуэлIым япыIудза мэхъу. /Слуга, сопровождающий князя или уорка / Пщым уэркъым и дэIэпыкъуэгъу, абы и унафэ зыгъэзащIэ/.

Бэян [39] (арх.) Я псалъи я щытыкIи кIэлъоплъыж, хабзэ зэрахэлъыр бэянщ, фэрыщIагъи, гушыIэ нэпцIи ядилъагъуркъым. /^ Явный, ясный /Нахуэ, пэж/.

ВакъэзэщIэдэ [47] (ист.) Танафэ месткIэ вакъэзэщIэдэм итщ, и цей Iэгъуапэр лIыхъусэ щIыкIэу хуэкIагуэщ, и бгым къамэ фIыцIэшхуэ ищIащ, и пыIи лъхукъуэлI пыIэ къызэрыгуэкIщ, цеяпхъэ щыщ хъурейм хъурыфэ бгъузэ тIэкIу къедэкIащ. /Чувяки /Хъыдан Iувым я упщIэм къыхэщIыкIа фэ лъэгу зыщIэда вакъэ щабэ/.

Вакъэнжей [56] (арх.) Жыг къудамэхэм джэдыкIэр вакъэнжейкIэ пыщIащ – шабзэрэ къэлаткIэ нэщанэ еуэнухэм папщIэ. /^ Самодельные суровые нитки /ЩIэп псырылъэм, шылэм къыхэщIыкIа Iуданэ быф (нэхъыбэу лъакъуэфIэлъхьэ ирадын папщIэ къагъэсэбэпу щытащ)/.

Гуащэ [54] (ист.) Гуащэ къызэришам, абыкIэ зэрыщыуам и хъыбар зэхихауэ игу къебгъауэ арауэ пIэрэ.

^ Гуащэнысэ [38] (ист.) Ауэ джэгу зыхуащIыр гуащэнысэщ, уэркъ пщащэм лъамыгъэсмэ, уэркъхэр къэдауэу къэувынри хэлъщ. /букв. Княгиня – сноха / Пщы лъэпкъым къыхэкIа цIыхубз/.

^ ДжэгуакIуэ [51] (ист.) Суанд, джэгуакIуэм зыхуишийри зыгуэр жриIащ, и Iэр псынщIэу иIэтри джэгуакIуэм пщы щIалэр зэтригъэувыIащ. /Джегуако /Пасэрей адыгэ артистхэм уэрэдгъэIу уэрэдусхэм и цIэ зэдай/.

^ Дэохъутей [7] (арх.) Я щIакIуи, я бащлъыкъи, я дохъутеи, фоч щIэгъэкъуэну а дохъутейм егъэбыдылIэжа я зэпэбашри апхуэдабзэу гъэпсауэ, Iэрыхуэу, зэуэн-зекIуэным хуэщIат. /Войлочный чехол для ружья /УпщIэм къыхэщIыкIа фочылъэ/.

^ Зэпэбаш [7] (ист.) Я щIакIуи, я бащлъыкъи, я дохъутеи, фоч щIэгъэкъуэну а дохъутейм егъэбыдылIэжа я зэпэбашри апхуэдабзэу гъэпсауэ, Iэрыхуэу, зэуэн-зекIуэным хуэщIат. /Сошка / фочкIэ щыуэным и деж фочыпэм щIагъэувэу фочыр зытрагъэлъадэу щыта башитIщ, ищхьэ лъэныкъуэмкIэ кIапсэкIэ щызэпхауэ зэпэщIэувэувэу/.

Дыгъурыгъу [15] (арх.) Апхуэдэ хъунщIакIуэхэм цIэ щхьэхуи фIащащ – дыгъурыгъу хужаIэ.

^ Джэгуалъэ [32] (арх.) А джэгуалъэ, Елджэрыкъуэ зэрейр занщIэу щхьэ къыджумыIарэ. /Предмет насмешек /Ауан ящI зэпытым хужаIэ/.

ДжэрыщIэ [176] (ист.) Шхуэми джэрыщIэми зы дыжьын телъкъым. /Подхвостник, ремень для удержания седла /Уанэр и плIэмкIэ мыкIуэтэн папщIэ шым и кIэпкъым щIэдзауэ зи кIапитIыр уанэпхъафэм епхыжа фэ кIапсэ/.

^ Жэмхэгъасэ [81] (ист.) Гуащэнысэм жэмхэгъасэу зы уэркъ щIыгъуащ. /Один из членов семьи или близкий родственник невесты, находящийся с ней в доме жениха, пока она не освоится /ЛIы дэкIуа цIыхубзыр зэрыхьа унагъуэм яхэсыхьыху и гъусэну ягъакIуэ Iыхьлы/.

Къэлат [250] (ист.) Ерстэм гузавэри и къэлатым епхъуащ. /^ Кремневый пистолет /Щтауч зыIулъ кIэрахъуэ/.

Къэмлэн [7] (ист.) Фэ бгырыпхым и бгъуитIым, мывппцIэхэм я зэхуаку къэмлэнитI пыщIат – зым уIэгъэм щахуэн гын дагъэр, адрейм Iэщэ-фащэм щахуэ дагъэр илът.

^ Къэптал [37] (арх.) ЩIалэм и къэпталри ластыч фIыцIэщ. /Название национальной мужской одежды, поверх которой одевают черкеску /Адыгэ цейм и щIагъым щIалъхьэ щыгъын щIыIутелъ, щIыIунэ-щIыIущхьэ иту/.

КIэс [13] (арх.) КIэс нэхъыбэ зэзыгъэуIуам, абы блэкIырти, хытIуалэр зэпаупщIырт, Кърымым нэсырт. /^ Пленить, захватить кого-либо/.

Лъахъстэн [228] (ист.) Лъахъстэныр зэрыгъущыжам тепщIыхьмэ, Суанд абыхэм къыщыIуахар пщэдджыжь блащхъуэуэгъуэрщ. /Сафьян /ПщатэкIэ ягъэтэджрэ напкъыжьэ фIыуэ къищIыху яIуэтурэ ягъэхьэзыра бжэныфэ/.

Лъей [18] (ист.)Уэркъ хъурыфэ пыIэ лъагэщ, цеищхъуэ кIагуэщ, и вакъэри и лъейри хуэплъыфэщ. /Ноговица /Лъадиймрэ лъэщажьэмрэ щIигъанэу лъэгупс фIэкI лъапэ зыпымыт щыгъын лIэужьыгъуэ/.

^ ЛъхукъуэлI [80] (ист.) НэгъуэщI лъэныкъуэщи зыщыщ лъхукъуэлI лъэпкъым я губгъэн къихьынкIэ шынагъуэщ. /Тфокотль /Сословие свободных крестьян в феодальной Кабарде / ПщылIыпIэм имытыж, ауэ пщымрэ уэркъхэмрэ хуащIэн хуей къалэн гуэрхэр зи пщэ дэлъу щыта мэкъумэшыщIэ/.

^ ЛIакъуэлIэш [49] (ист.) ЛIакъуэлIэшхэр щхьэхуэу зэхэтт, джэгум нэхъ хуиту щахэплъэн увыпIэ яубыдауэ. /Представитель кабардинского дворянского сословия, стоявшего на втором месте после князей /Я тепщэныгъэкIэ къэбэрдеипщхэм къакIэлъыкIуэу щыта уэркъ лъэпкъым къыхэкIа цIыху/.

^ ЛIакъуэцIэ [38] (арх.) - Сыт фи лIакъуэцIэр? - Бжэнащэхэ дащыщщ. БатийкIэ къызоджэ. /Фамилия/УнэцIэ/.

Матэкъуаншэ [26] (ист.) Матэкъуаншэ ярылъщ выгухэм, зи гупкIэм ныш ныси гъунэжщ. /Большая корзина для хранения продуктов и вещей /Шхын гъур хьэпшып зэрызэрахьэ къу къуаншэ зытет матэшхуэ/.

^ Мэхъаджэ [7](арх.) къуэкIыпIэ лъэныкъуэм я къамэ гъэшари яузэхужащ адыгэм, иIэу, гъунэгъуу узэрихьэлIэмэ, бгъэзэнкIи урипыджэнкIи мэхъаджэу. /Грозный, скверный, противный /Шынагъуэ/.

Мырзэ [99] (ист.) Адыгэ хэкумкIэ ар пщы-уэркъхэр аращ – нэгъуэщI хэку зэрыхьэмкIэ – хъанхэрщ, мырзэхэрщ, бейхэрщ. /^ Мурза /Кърым нэгъуей тэтэрхэм я феодальнэ унагъуэм щыщ цIыхухэм зэреджэу щыта/.

Нэрыбгэ [24] (арх.) Унагъуэ къэс я нэрыбгэ зырыз пэрытщ – мэлыхъуищ мэхъу. /Человек /Щхьэ бжыгъэр къыщабжкIэ цIыху мыхьэнэр иIэу къагъэсэбэп псалъэ/.

^ Нэгъуаджэ [13] (ист.) Абы къыхэкIкIэ а гъунапкъэм уэркъ шу нэгъуаджэхэм щаIууэным абэзэхэм зыщахъумэу щытащ.

Пхъэ вакъэ [54] (ист.) Пхъэ вакъэм тету пщащэхэм яхэту щилъагъум, зи ныбжь нэса зи шэгъуэ хъыджэбзу къыфIэщIат, ауэ иджы пхъэ вакъэм къехри мест щабэкIэ къыдэкIащи йоплъри щIалэ дыдэщ. /Деревянные башмаки, сабо/.

Пщы [80] (ист.) Пщым зыпишытIэным щIэхъуэпсу, еубзэу, пщым и нэфI зыщригъэхуэным щIэнэцIу ялъытэнщ.

^ ПщылI [32] (ист.) Уэркъыр и пщылI зэрыдекIуэкIынумкIэ хуитщ, езыращ хуитыр, хамэр хуиткъым. /Крепостной крестьянин / Пщым залымыгъэкIэ игъэлэжьэну зыхуиту щыта цIыху/.

^ Сагъындакъ [103] (ист.) (заимств.) (тюрк. – колчан со стрелами и луком) ЖыжьаплъэкIэ гу лъимытауэ, щIалэм и сагъындакъырщ Ерстэм игъэщIэгъуапэр – тхыпхъэщIыпхъэ защIэщ. /Вид старинного оружия типа лука /Пасэрей шабзэ лIэужьыгъуэ/.

^ Сэрей [251] жьы (ист.) Сэрейм къыбгъэдэкIуэтыху жэрыгъэкIэ къэкIуащ. Уэрам цIыкIур нэхъ цIыху зекIуапIэ уэрам гуэрым щытехьэм лъэбакъуэ защIыжащ. /Высокая ограда; дворец /Пащтыхьыр зыщыпсэууэ щыта/.

Сэшхуэрыджэгу [62] (ист.) Уи сэшхуэ гъэбзэкIэ зыхуэдэр зэригъащIэмэ фIэигъуэу сэшхуэрыджэгу уреджэ.

^ ТешэрыпIэ [81] (арх.) Хэт зыщIэр: гуащэр тешэрыпIэм илъэскIи щрагъэс къохъу. /Временное пребывание новобрачной в доме друга или родственника жениха /НысащIэ къашар пIалъэкIэ щауэм и ныбжьэгъу е и благъэ гуэрым и унэм щыIэныгъэ/.

Уэркъ [15] (ист.) Уэркъ хэку зэрыхьами щIыпIэ зэрытми ущысакъын хуейщ – гузэвэгъуэ къыщыппэплъэр хэт ищIэн. /^ Уорк, уздень /ХэIэтыкIауэ щыта зиусхьэн лъэпкъ/.

Фэнд [7] (арх.)Псы зэрызэрахьэ фэ псылъи псышхуэ зэпрысыкIын хуей хъумэ, къигъэсэбэпу бжэныфэ фэндитIи уанэгу щхьэнтэ щIагъым ягъэкIуэжат. /Бурдюк / Зэгуамыгъэжу псэущхьэм траха фэ/.

^ Фэлъыр [7] (ист.) …уэшх-уаем зыщахъумэн папщIэ, джанэ щIагъщIэлъым и щIыIукIэ шэхудэ фэлъыр, я пыIэIурэ я бгъэрэ кърашэкIыу здащтэрт. /Полоска сыромятной кожи крупного рогатого скота, из которой изготавливают кожаные веревки и нити /ПлIалэ и бгъуагъыурэ фэдэн ящIыну зэгуагъэжа былымыфэ/.

^ ФочэщI [106] (ист.) И цеибгъэм хьэзырылъэ тедами, щIалэм фочэщI зэрыгуэмылъми гу лъитати, арии щыгъупщакъым, фочэщI щIэращIэ дыдэ къыхуищэхуащ, шалъи гыни щIыгъуу. /Старинное короткоствольное ружье / Адыгэхэм зэрахьэу щыта фоч кIэщI/.

ХэтакIуэжь [66] (ист.) КъакIуэмэ, мази мазитIи щыIэу мэхъу, хэтакIуэжьщ, дыгъуакIуэщ.

^ Хьэзыр [6] (араб.) (ист.) Бгъэ жыпым и пIэкIэ хьэзырылъэхэр традащ, абы хьэзыр пщыкIухыр – бгъуитIымкIи ирий – иралъхьэжащ. /Газыри /Адыгэ цейм и хьэзыр/.

ХъумпIырэ [8] (ист.) ИжьырабгъумкIэ гуэлъ къэлат хъумпIырэри апхуэдэщ – гъуэгуанэ кIыхьым хуэщIащ. /^ Кобура / КIэрахъуалъэ/.

Шабзауэ [60] (ист.) Мастэнэм ирегъэкI жыхуаIэ шабзауэм и шэрыуагъыр лIым и гуащIэми, Iэм и быдагъми, IэпэIэсагъми емылъытауэ къыщIэкIащ. /Стрелок/.

^ Шабзэкъу [60] (ист.) Шабзэкъум и шэщIыкIэми уесауэ щытын хуейщ. /Дуга лука/.

Шурыджэгу [61] (ист.) Нэщанэ еуэныр зэфIэкIа нэужь, шурыджэгур яублащ. //

^ Шурылъэс [44] (ист.) ДжэгукIэ зэмылIэужьыгъуэ щыIэнущ: шурылъэс жыпIэми, нэщанэ жыпIэми, къинэмыщIми. /Игра-состязание пеших со всадниками /Шухэр шыхэм кърадзыхыну модрейхэм зыкърамыгъэдзыхыну хэту лъэсхэмрэ шухэмрэ зэрызэпеуэу щыта джэгукIэ/.

^ Шыбгъэзэгъауэ [61] (ист.) Шу еIэбыхи, уанэгум иувэни, шурэ лъэсрэ зэбгъэрыкIуэни, шыбгъэзэгъауи – джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэ куэд къагъэлъэгъуащ. /Игра-состязание всадников, при котором соревнующиеся стремятся сбить друг друга /Зиш нэхъ лъэщыр тесыкIэкIэ нэхъ Iэзэр зэрызэхагъэкI шу джэгукIэ/.

^ Шыхэпщ [177] (ист.) ЩIалэм и тIысыкIар игъэщIэгъуащ Ерстэм. ЩIыи хэтIысхьакъэ мыр удзыпцIи щыджэгуакъэ, и ныбжьэгъу щIалэ цIыкIу шыхэпщ ядэкIуэжакъэ! ЩIым тIысыныр хьэлъэ. /Ночное (пастьба лошади ночью) /Шы зэрылэжьахэр жэщым гъэхъуэкIуэныгъэ/.

^ Щтауч [7] (ист.) ЕщтауэмкIэ щтаучым мафIэ хъуаскIэр къыхаудырти щтамылым храгъадзэрт, ар уэздыгъей пхъэупсахуэм щIагъэнэжырти, щынэхъ уаеми мафIэ зыщIагъэстырт. /Кремень /Штэр тебгъэцIафтэмэ хъуаскIэ къызыхих мывэ джей быдэ/.

^ НэгъуэщIыбзэм къыхэкIа псалъэхэр


Адыгэбзэм псалъэ куэд хэтщ нэгъуэщIыбзэхэм къыхэкIауэ. Псалъэ нэхъыбэ дыдэ къыхэкIауэ щытщ урысыбзэм, хьэрыпыбзэм. Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэмрэ а лъэпкъхэмрэ я зэпыщIэныгъэм къыхэкIауэ къыщIэкIынущ абыхэм щыщу псалъэ куэд адыгэбзэм къызэрищтар. НэгъуэщIыбзэм къыхэкIыу (псом хуэмыдэу урысыбзэм) псалъэ къыщыхыхькIэ, бзэм имыIэ макъхэр иIэхэмкIэ зэрехъуэкI, е зэрыщыт дыдэм хуэдэу къещтэ. Псалъэм папщIэ «къэзакъ», «кIэнфет». Я бжыгъэкIэ нэхъ мащIэми адыгэбзэм хэтщ грекыбзэм, латиныбзэм, грузиныбзэм къыхэкIа псалъэхэри. Урысыбзэм къыхэкIа псалъэхэр нэхъыбэу культурэм, щIэныгъэм, техникэм епха псалъэхэрщ. Псалъэм папщIэ: подлежащэ, троп. УнэлъащIэм епха псалъэ куэд дыдэ къищтауэ щытщ адыгэбзэм. Урысыбзэм щыщу: стIол. НэгъуэщIыбзэм къыхэкIа псалъэхэм щхьэхуэныгъэ яIэщ, бзэм езым и псалъэхэм химыгъэгъуащэу. Адыгэбзэм хьэрф –р-кIэ къыщIидзэ псалъэ диIэу щыткъым. Урысыбзэм къыхэкIа псалъэхэм мы хьэрфым дыщыхуозэ (ракетэ), ауэ хьэрэкIытIэ псалъэри къыщагъэсэбэп щыIэщ. ИщхьэкIэ зэрыжытIащи, бзэм псалъэ къыщыхыхьэкIэ фонетикэ и лъэныкъуэкIэ зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр къохъу: «ярмаркэ», «жэрмыкIэ». НэгъуэщIыбзэм къыхэкIыу бзэм къищтэ псалъэхэр нэхъыбэу щыIэцIэщ. ЩыIэцIэ зэдайхэм нэмыщIи топонимхэри, антропонимхэри нэгъуэщIыбзэм къыхэкIауэ щытынкIэ хъунущ.

Тыркубзэм къыхэкIыу адыгэбзэм къыхыхьа псалъэхэр нэхъыбэу зи фIэщыгъэцIэу щытыр унэлъащIэм щыщ предметхэрщ, шхын, щыгъын, вакъэ лIэужьыгъуэ хуэдэхэрщ. Апхуэдэу. псэущхьэхэм, къэкIыгъэхэм, сатум, дунейм и къэхъукъащIэхэм ехьэлIауэ щытынущ. Тюркскэ бзэ гупым къыхэкIа псалъэхэр нэхъыбэу адыгэбзэм къыхыхьэу щыщIидзар хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ ебланэ лIэщIыгъуэхэращ, хьэзархэм Кавказ ищхъэрэр яубыда иужькIэ. Шагъыр Амин къызэрилъытэмкIэ, тыркубзэм, хьэрыпыбзэм, ираныбзэм къыхэкIа псалъэхэр гуп зыбжанэу зэщхьэщыбгъэкI хъунущ.

Динымрэ мифологиемрэ ехьэлIа псалъэхэр: бегъымбар «пророк», молэ «мулла», дин «религия».

2. Отвлеченнэ мыхьэнэ зиIэ псалъэхэр: акъыл «ум», нэмыс «честь», мылъку «имущество», зэран «вред», хьэтыр «услуга».

3. ЩытыкIэ къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр: балигъ «взрослый», Iэдэб «воспитанный», хьэлэмэт «интересный».

4. Псэущхьэхэм я цIэр къэзыIуатэ псалъэхэр: аслъэн «лев», къаплъэн «тигр», алащэ «мерин», номин «обезьяна».

5. КъэкIыгъэхэм я цIэ къизыIуэ псалъэхэр: хъарбыз «арбуз», прунж «рис», жэгундэ «свекла», къэтхъэнсолыкъу «барбарис», къэзмакъ «облепиха».

6. УнэлъащIэм, зэрылажьэ Iэмэпсымэхэм я фэщыгъэцIэр.

7. Щыгъын, щэкI лIэужьыгъуэхэм я фIэщыгъэцIэр: къэптал «кафтан», шырыкъу «сапог», шухьэ «сукно».

8. Зэман пыухыкIа гуэр къэзыгъэлъагъуэхэр: сыхьэт «час», дакъикъэ «минута», шылэ «наиболее холодные и наиболее жаркие 40 дней в году».

9. Сатум ехьэлIа псалъэхэр: сату «торговля», бэзэр «базар», ахъшэ «деньги», сом «рубль», апэсы «20 копеек».

10. Зауэ хуэIухуэщIэм ехьэлIа псалъэхэр: топ «пушка», лагъым «мина», сагъындакъ «саадак».

11. Суд хуэIухуэщIэм ехьэлIа псалъэхэр: уэчыл «адвокат», щыхьэт «свидетель».

12. ЩIэныгъэм ехьэлIа псалъэхэр: хьэрф «буква», Iэлыфбей «азбука», жинт «обложка», хъэтI «почерк», мэрчэп «чернила».

13. Iэху зэрызэрахьэ псалъэхэр: нэчыхь «брак», тэрмэш «переводчик».

14. Псалъэ зэхуэмыдэхэр (varia жыхуэтIэм хыхьэ псалъэхэр): бысым «хозяин дома по отношению к гостю», дамыгъэ «тавро», баз «пари».

КIэрашэ Тембот и «Шу закъуэ» романым нэгъуэщIыбзэхэм къыхэкIауэ псалъэ куэд дыдэ къыщокIуэ, нэхъыбэуи хэтщ хьэрыпыбзэм къыхэкIа псалъэхэр. Нэхъ мащIэу къыщокIуэ осетиныбзэм, урысыбзэм къыхэкIа псалъэхэри. Ахэр алфавиткIэ зэкIэлъыхьауэ и лъабжьэкIэ къыщокIуэ.


азэн [36] араб. adan «призыв к молитве, провозглашаемый духовным лицом. Къуажэм азэн джапIэ лъагэм зыкъыщеIэт, нэгъуэщI жылэ иджыри къэс щилъэгъуакъым Ерстэм азэн джапIэ.

акъыл [44] (хьэрып) /Ум, рассудок/. ЦIыхум гупсысэну Iэмал къезыт зэфIэкI. ЛIыгъэмрэ акъылымрэ цIыхур егъэдахэ, аращ Батым и гушыIэ делэ зыутIыпщым ящыщкъым, дыхьэшхырейуи плъагъукъым.

анэмэт [273] (хьэрып) anamat – «доверие, оставленный на чье-либо попечение». Абы и пщIэу сэ пхуэсщIэжын слъэкIынур аращи, си щхьи си пси уи анэмэтщ.

арджэн [272] (тюрк.) къэрэш. джеген, балк. жеген, арджен циновка. Блыным арджэнит-щы фIэлъщ тхыпхъэ дахэ хэщIыхьауэ.

аркъэн [15] (тюкр.) /Аркан, толстая веревка/. Зи кIапэм щылъэфыгъуэ иIэу шыкIэм къыхэщIыкIа кIапсэ кIыхь. Аркъэн кърадза щхьэкIэ, хуэIэрыхуэти, аркъэныр псынщIэу зэпиупщIын хузэфIэкIащ.

ахъырзэман [31] (хьэрып) akirzaman «конец мира» «светопредставление». Адыгэбзэм «великолепный», «замечательный» мыхьэнэр иIэу къыдогъэсэбэп. Гъуэзэджэ, фIы. «ПщылI ахъырзэмани мыр» - жери игъэщIагъуэу, Ерстэм шууитIым я фоч кIэщIхэр къызэпщIэхэхауэ илъэгъуащ.

ахъшэ [141] (тюрк.) балк. ахча, ног. акша. / деньги. Уасэ нэхъ зиIэр тырку ахъшэрати, ар и мащIэтэкъым Ерстэм.

ауан [28] (тюрк.) балк., кумык., кирг. ойун – «насмешка», «забава», «издевка» - дыхьэшхэн, щIэнэкIалъэ. «Шхэкъуа къысхужыпIэнущи сыныбэкъкъым», - жиIэри и ныбащхьэм теIэбащ, абдежми гу лъитащ, мобы ауан къыщIащIар и ныбащхьэм хуэзанщIэу щIыIунищ ичати и цеибгъэр укъащ.

батыр [65] (тюрк.) И хьэщIэм хуоплъэкIри, иджы нэхъ ину нэхъ батыру и плъэкIи нэхъ ткIий хъуауэ къыфIощI, псалъэ иридзынкIи нэхъ фIолIыкI.

бэзэр [260] (перс.) базар /рынок/. ЦIыхур щызэхуэсу шхын, хьэпшып щащэ къыщащэху щIыпIэ. Бэзэрым ягъакIуэ хъуащ, хы Iуфэми бдзэжьеящэ яутIыпщ хъуащ, я фIэщ ищIащ ягъэIурыщIэфауэ.

бэлыхь [131] (араб.) balah /Несчастье, бедствие, беда/. Гуауэ, нэщхъеягъуэ. Къэбэрдеибзэм «замечательный», «исключительный» мыхьэнэр иIэу къокIуэ. Былыму гъусэ хуэфщIынури иужькIэ сэ иризгъэкъужынщ, и бэлыхь зэ дыхэкIыжмэ аращ.

бэракъ [45] (тюрк.) байрак – флаг, знамя. /Зыгуэрым и дамыгъэу къагъэсэбэпу пхъэ кIыхьым фIэщIа щэкI кIапэ/. Аращи, нобэ джэгу ухыхьэ къудекъым, атIэ абэзэхэхэм я напэ пхъумэни къыптохуэ… Хьэуэ, абэзэхэхэм я закъуэкъым, уэ лъхукъуэлIхэм ди бэракъ ухъуащ.

бей [91] (тюрк.) бай – богатый, богач, хозяин, барин. /Къулей, мылъкушхуэ зиIэ/. Къалмыкъ губгъуэм нихусащ, ауэ лъэужьыр абы къыщыувыIэкъым: гъэр ящIа щIалэхэр къыргъыз бей гуэрым иращауэ къыщIэкIащ.

бланэ [48] (тюрк.) башк. болан «олень», кумык. булон «лось», къэб. «лань». 1. щыхь лъэпкъ. 2. сильный /КъарууфIэ мыхьэнэр иIэуи къыдогъэсэбэп/. СыщыщакIуэкIи фоч зесхьэркъым: зэ бгъауэмэ бланэр зэбгырож.

бохъшэ [235] (тюрк.) тат. букча, сумка, сумочка, ног. бокша «кошелек», къэб. кошелек /Ахъшалъэ/. ЛIы ныбэф гуэр, фэ бохъшэ пщIэхэдзауэ щхьэщыуващи чы лантIэкIэ и лъэдакъэм щIоуэ, апщIондэху модрейр къыхокIиикI, мэгъуахъуэ.

былым [41] (тюрк.) карач.-балк, нэгъуей билим «знание, познание» (бил – понимать), къэб. скот «богатство» / Iэщ, мылъку. 2. «бестолковый» // «ахьмакъ» мыхьэнэр иIэуи къагъэсэбэп. Ерстэм псалъэм хэпщащи, абэзэхэхэм я хъыбар жыжьэу ирешажьэ, я хэку хаси, я жылагъуибл зэIущIи я къуажэхэм, хьэблэхэм я тхьэмади, я тхьэлъэIуи я псэукIи, я лэжьэкIи, я былыми, я щэкIуэкIи – куэдым ирегъэдаIуэ.

бухъран [37] (перс.) Ерстэм зыщиплъыхьым гу лъитащ, плIанэпэм дэт пхъэ гъуэлъыпIэ цIыкIум илъ уэншэкумрэ шхыIэнымрэ: уэншэкум щIэпым къыхэщIыкIа щэкI кусэ тебзащ, шхыIэн щIэбзэр бухъран щэкI къуэлэнщ.

гуэныхь [39] (перс.) gonah «грех». / Дин хабзэм емызэгъыу ялэжь Iуэху. – УэркъыцIэм хуэлIэм ящыщ а тхьэмадэр? – Хьэуэ, и гуэныхь сыту пщIын, уэркъхэм нэхъ яхущIэджэхэм ящыщ.

дакъикъэ [258] (араб.) daaiaa «минута». / Сыхьэтыр хыщI ищIыкIауэ абы щыщ зы Iыхьэ. Я ужь къыщина дакъикъэ гуэрым Ерстэм Суанд кIэлъыплъри игу щIэгъуащ.

данэ [234] персыбзэм къыхэкIыу «шелковая ткань». Дани шыли, шухьэи чэсейфэхуи сыт нэхъ узыхуейр?

дамыгъэ [110] (тюрк.) «тавро, «клеймо», «метка», «знак». Я мест плъыжьми, я пыIэ кIыхьми нэхърэ, а дамыгъэм нэхъ къахегъэщ.

домбей [17] Кавказыбзэхэм я задай псалъэщ. груз. domba,сван. dombai – зубр, къэб. «ин», «абрагъуэ» мыхьэнэрииIэу къокIуэ. Я щхьэкIэ зэхэкIэжауэ, жыг домбейхэр гъуэгум и бгъуитIымкIи щиувыкIащ, мэз щIагъыр кIыфIщ мазэхэ жэщым хуэдэу.

дуней [38] араб. dunya «мир», «вселенная» // Уафэмрэ щIымрэ я зэхуакум щыIэ псори. –Уэркъ пэшэгъум, уэркъ джэгуэгъум зызэришыIэным сыпылъщ, уапэувыфыну куъащIэмэ дунейм утрагъэтынукъым.

джаур [270] Хьэрыпым къыхэкIыу тыркубзэм къищтащ. тюрк. къых. адыг. къых. «гяур» «не мусульманин», «неверующий», «нерелигиозный». къэб. и динкIэ муслъымэн е муслъымэн диным епцIыжа. – я нэхъ сызыщыщтэ закъуэр – псы архъуанэр къысхуэбгъуэтащ джаурым, - мэгушыIэ Ерстэм.

жэуап [51] араб. jawab «ответ». // УпщIэм къыпадзыж. Хьэмэрэ лъагъуныгъэ гугъапIэншэр къытепсыхауэ ара? Ерстэм жэуап зримытыфыр езы пщащэм мыгувэу къыгурыIуэжащ.

жин [95] араб. jinn – джин «демон», «дух». / Мифыр диныр зи лъабжьэ гупсысэкIэм къызэритIасэмкIэ дунейм тету, гъащIэм хэту пкъы зимыIэ гуэр. Шур и щIыкIэ зекIуэкIэкIи и фащэкIи, и теплъэкIи шу къызэрыгуэкIкъым, жин Iуэху хэлъын хуейщ жаIэ.

зэман [75] араб. zaman «время», «период». Дунейм къыщыхъу щекIуэкI псори я щыIэныгъэм и кIыхьагъыу къалъытэр. Жэщыр хэкIуэтауэ, цIыхухэри гъуэлъыжауэ, жылэри зэгъэжауэ жыхуэпIэным зэманыр нэсауэ фызыр пщэфIапIэм кIуащ.

зэран [42] араб. darar «вред», «убыток», «ущерб». ЛIакъуэлIэш зекIуэлIхэм язэранышхуэ къыдэкIащ адыгэхэм: адыгэ шум дзыхь къытхуащIыркъым, дыгъужьым зэрыхуэсакъым хуэдэщ.

къайгъэ [39] тюрк. кайгы «горе», «печаль», «тоска», «забота», къэб. «скандал», «скандальный». / Хьэргъэшыргъэ. ЯфIэмыфIу кърахьэлIащ гуащэнысэр. Къайгъэ къикIыжауэ плъагъункIи хъунщ.

къалэ [42] араб. kala «крепость», «укрепление». къэб. «город». / КъулыкъущIапIэ, промышленность сыт хуэдэхэр здэщыIэ цIыху куэд здэщыпсэу щIыпIэ. Азакъ дэс урыс шырыкъущIэ гуэр нэIуасэ схуэхъуати абы моуэ къызжиIащ: илъэс тIощI хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, а пащтыхьыр тыркум езауэри Азакъ къалэ къатрихащ.

къамышы [137] (тюрк.) къэр.-балъкъ. къамчи, ног. плеть. / Къу иIэу и псыр кIэщIу шум шыр зэригъакIуэ щIопщ. Щыблэ мафIэр зэ къамышы псыгъуэщ, зэ блэшхуэ IуэнтIащ, зэми аркъэн зэблэдза зыкъещI, зэми жыг къудамэшхуэщи, чыпэ бжыгъэшхуэу зэбгырож – бгыщхьэм зыкъыхасэ, джабэрыуи зыкъыхуащI…

къару [63] (тюрк.) къэрэш.- балъкъ. къарыу «сила», «мощь», къыргъ. къаруу «верхняя часть руки, плечо», къэб. «сила». // Лъэщагъ, бланагъэ. Сыт къару абы и Iэпщэм хэлъыр? – къыхэкIиикIащ цIыхухэр, ар щалъагъум.

къатыр [235] тюрк. каты «твердый», «крепкий», «жесткий», къэб. сапог // Лъапщэ зиIэ зиIэ вакъэ. КъатритI къащэхуати, кIапсэкIэ зэкIэрищIауэ кърата къудейуэ, кIий макъ зэхихащ.

къэдабэ [5] (хьэрып) балхат // ЩэкI Iув, цы щабэ тету. Къэдабэ фIыцIэмрэ алътес плъыжьымрэ зэрызэрагъакIуэ щэкI къуэлэнымрэ фэ зэщыщхъумрэ зэрызэпалъхьи – бзылъхугъэ фащэм дыщэри дыжьынри зэрыхади абыи хуэIэкIуэлъакIуи.

къалэн [81] (тюрк.) азарб. калай «дань», «оброк», къэб. «обязанность», «обязательство» // Пщымрэ уэркъымрэ яхуимыщIэу мыхъуну къытехуэр яхуищIэнущ, хабзэкIэ яхуищIэн хуейуэ къытехуэ къалэнри яхуигъэзэщIэнщ, абы къимыдэкIэ, я Iуэху яхэлъкъым – апхуэдэ гъуэгуращ нэхъ фIэзахуэу Даур къыхихар.

къубгъан [79] (тюрк.) тат. комган, къэр.-б. къумгъан. Батым и хьэщIэм зригъэтхьэщIащ. Тасрэ къубгъанрэ къыхуищтэри зригъэтхьэщIащ.

лэджэн [69] (перс.) лаган «медный таз», кумык. леген «таз», къэб. сосуд, таз. / тас. Гъуаплъэ къубгъан зэрыт лэджэни бжэ къуагъым къуэтщ.

мамыр [108] (араб.) mamur «обитаемый», «населенный», «многолюдный», къэб. «мирный», «спокойный». / Зауэншэ (мамырыгъэ). Япэу зыIущIам и нэгу ирилъэгъуа мамырыгъэр щIалэм дилъагъужакъым – зэрыгузавэр нэрылъагъут.

махъшэ [134] (тюрк.) кирг. мокочо «бука», «чудище», къэб. верблюд / Пшахъуалъэ щIыпIэхэм щызэрахуэ, зи тхым сыджышхуэ тет псэущхьэ.

мылъку [40] (араб.) mulk «владение», къэб. «имущество», «состояние». / Зыгуэрым бгъэдэлъ беягъэ, къулеягъэ. МылъкукIи, лъэкIыныгъэкIи, адрейхэм зыщхьащэIэтыкIмэ, яфIэигъуэу, уэркъ хуитыгъуэм щIэдэууэ.

чырэ [134] (араб.) kira «сдача в наем, аренду», къэб. перевозка грузов по найму – извоз. Махъшэ чырэшхуэм я сыдж папцIэ щIыкIэу зэхэувауэ къыщохъубгыщхьэ хужьхэр.

муслъымэн [35] (хьэрып – перс.) хьэрып. muslim «мусульманин» + перс. ку.б. къэз. суфф. –аn, къэб. «мусульманин», «мусульманство» / Ислъам. дин [35] (иран.) Религия. Кърым хъаным и унафэкIэ муслъымэн диным фрагъыхьауэ жаIэкъэ? – Драгъыхьауэ жаIэр пэжщ, дипщхэр абыкIэ залымщ.

залым [35] (араб.) zаlim «несправедливый», «тираничный», «угнетатель», къэб. «деспотичный».

мэжджыт [36] (араб.) masjid «мечеть». / Муслъымэныр тхьэ щелъэIу, нэмэз щащI щIыпIэ, унэ. Азэн джапIэм щхьэщыт мазэ ныкъуэм Ерстэм и гу къегъэкIыж Кърымым щилъэгъуа мэжджытхэр.

молэ [67] (араб.) maula «господин», «владыка», «покровитель», къэб. мулла / Муслъымэн диным и лэжьакIуэ. Кърымым кърагъэкIри зы бзэмыIу къытхуагъэкIуащи молэщ жаIэ, и щхьэм хъыдан хужь къешэкIауэ.

мурад [18] (араб.) murad «намерение», «замысел», «цель». / Хьисэп. Фэ тIум фигу илъа бзаджагъэмрэ, мо щылъым лъэкIамэ къызищIэн и мурадамрэ япэкIуэу нэхъыбэкIэ фызгъэпшынэну къыфтохуэ.

муртасиб [235] (араб.) Абы и къэлэныр сатуущIхэм я тэрэзэхэм кIэлъыплъынырщ. – дэгъуэу яубыдащ, - хигъэгъуэзащ Ерстэм – фэ бохъшэ зыпщIэхэлъыр муртасибыращ.

мин [153] (тюрк.) къыргъ. мин, карач.-балк. минг «тысяча». Ди деж уныщыкIуам сызэропсалъэ лъандэрэ си гухэлъщ Кърым пиастрэ минитI хуэдиз сугъуеягъэхэщ.

насып [35] (хьэрып) nasib «доля», «участь», «счастье», «судьба . / Арэзыныгъэшхуэ бгъуэтам къуит щытыкIэ. – Абэзэхэм фи насыпщ, пщырэ уэркърэ фиIэкъыми.

нахътэ [100] (тюрк.) тат. нукта, бэлъкъ. нохта «недоуздок» / И къамэ-бгырыпхри, и хьэзыр Iупэхэри аращ – дыщэ маскIэр къапоткIу, и нахътэм телъ дыжьыным дыгъэ бзийр щоджэгу.

нэмэз [65] (перс.) namaz «молитва». / Муслъымэнхэм ягъэзащIэ тхьэхуэщIэ къэлэн. Аращ азэн джэри нэмэз езыгъэщIри.

нэщанэ [44] (перс.) neshane «признак», «знак», «цель», «мишень». Джэгур махуибл джэгущи, нобэ еблэнэрей махуэщ, иужьырей джэгущ. джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэ щыIэнущ: шурылъэс жыпIэми, нэщанэ жыпIэми, къинэмыщIми.

нысэ [39] шэш., ингу., бацб. нус «невестка», груз. nusiadia «жена дяди», къэб. сноха «невестка». / НысащIэ.

сабын [235] (араб.) sabun «мыло» / Щэ дагъэ лIэужьыгъуэ гуэрхэмрэ, щелочымрэ къыхах пкъыгъуэ. (ирожьыщIэ, иротхьэщIэ). Мыр гъуэгум къыщытхуэщхьэпэжынщ, - жери Ерстэм сабын жьыщIыгъуищ къищэхуащ, Смирнэ къраш сабын IэфIым щыщу.

сабыр [67] (хьэрып) sabir «терпеливый», «выносливый», «стойкий» къэб. «смирный», «тихий». Былым къыдыхьэжыгъуэ, жэм шыгъуэ зэрыхъурэ щхьэщыкIуэтыжри, жылэр сабырыжащ.

сату [42] (тюрк.) тат. сату, къыргъ. сатуу «продажа», къэб. торговля / Хьэпшып щэныгъэ. ХъунщIэн муради уимыIэу, сатуми узэрыпылъышхуэ щымыIэу, апхуэдизрэ зи ужь уитыр сыт, аращ къызгурымыIуэр.

сатуущI [235] (тюрк.) «работник торговли» / Хьэпшып зыщэ. Къалэм дэс гъэр сатуущIхэм я деж дыкIуэнщи деплъынщ.

сэкъат [134] (хьэрып) sakat «негодный», «отбросы» къэб. « изъян», «дефект», «недостаток» / ЩыщIэныгъэ, лажьэ. ЩхьэкIуэ зиIа пщащэщи, яхуэмыгъэдэIуамэ, хэт ищIэрэ, удын гъущэкIэ сэкъат игъуэтауэ урихьэлIэжынкIи мэхъу.

сэлам [19] (хьэрып) Приветствие. / ЩызэхуэзэкIэ зым адрейм зэрызэхуигъазэ. Я шыщхьэ щызэуалIэм, Ерстэм, и Iэр ишийри, щIалэжьым сэлам ирихащ.

сулътIан [234] Султан / Языныкъуэ муслъымэн къэралхэм пащтыхьым зэреджэ цIэ. СулътIанымрэ тырку къулеижьхэмрэ гъэр пщащэ яхуригъэшэныр и хьэкъщ хъаным.

сурэт [169] (хьэрып) surat «форма», «очертание», «вид», «изображение», къэб. «фотография», «снимок». Абы хуэдэ зэрыщыIэр и гурыфIыгъуэ закъуэу, игъащIэкIэ игу имыхужын сурэту и нэгу щIэтынщ.

таучэл [34] (тюрк.) къумыкъу tabakkal «решимость», «смелость» / Тегушхуэныгъэ. УеплъынкIэ хъуэпсэгъуэщ, - жиIащ Ерстэм, и гъуэгу дэхын-дэмыхынкIэ таучэл имыIэу.

тэрэзэ [235] (перс.) tarazu «весы» / Яшэч пкъыгъуэхэм я хьэлъагъыр къызэрахутэ Iэмэпсымэ.

тезыр [58] (хьэрып) «наказание», «штраф» / Къуэншагъэ зыбгъэдэлъу ялъытам тращIыхь унафэ, етхьэкъуныгъэ. – Ди хьэблэ и напэ тепхынщи, тезыр птетлъхьэнщ. Укъимыгъэгугъэмэ, къыхэкIыжи нэхъыфIщ.

темыркъэзакъ [228] (адыг.) «Полярная звезда», (тюрк.) «железный кол». Темыркъэзакъыр ди ижьырабгъуу, ныжэбэ дыкIуэнщ.

уэсят [10] (хьэрып) wasiuat «завещание», «завет». ЛIэн щыхъум, я анэм уэсят къахуищIыжащ: нэхъыщIэм зекIуэныр, лIыгъэщIапIэр и нэрыгъщ, ар хуит щIы, унагъуэ-лэжьыгъэ Iуэхум нэхъыжьитIыр пылъмэ ирикъунщ.

фейдэ [75] (хьэрып) faida «польза», «выгода», «доход». / ТекIуадэм ищIыIукIэ зыгуэрым къыпыкI хъер. И фейдэ хэмылъу зригъэгъусащ, шу гъусэ пщафIэу къыздришэкIащ.

хъарзынэ [105] (хьэрып) kazina «казна», «сокровище, «клад», къэб. хороший, замечательный. ЩIалэ хей-хъарзынэр кIуэдынущ, жери, игу гумэщIыгъэ къредзэ Ерстэм.

хъыбар [54] (хьэрып) kabir «новость, известие, сообщение, слух, молва, предание». / Гуащэ къызэришам, абыкIэ зэрыщыуам и хъыбар зэхихауэ игу къебгъауэ арауэ пIэрэ?

хъуржын [181] (хьэрып) kurj «переметанная сума», къэб. «котомка». Ерстэм, и фащэ Iэмэпсымэхэр фэ хъуржын цIыкIум ирилъхьэжри къэтэджащ.

хьэжы [47] (хьэрып) haji «поломник», хаджи «поломник в Мекку» / Меккэ кIуэуэ къэкIуэжа цIыху. Ар хьэрып лъэныкъуэмкIэ къумым къыщепщэ жьы лъэщ гуэрым и цIэщ, хьэжыхэм жаIэу зэхэсхащ.

хьэлэл [42] (хьэрып) halal «дозволенный», «допустимый», «законный», къэб. дозволенное религиозной моралью, законом. / 1. Муслъымэн диным Iэмыр ищI; 2. «добрый», «добросердечный! / НэгъуэщIым фIы хуэзыщIэ цIыху, гу щабэ. Армырамэ, бысым пхуэхъун цIыху хьэлэл е благъэу, е нэIуасэу уиIэн хуе
еще рефераты
Еще работы по разное